Karakter boyutu : 12 Punto 14 Punto 16 Punto 18 Punto
Tegulan Yakup Temel
Лъэпкъыр БгъэкIуэдынумэ...
14 Eylül 2011 Çarşamba Saat 22:48

Удзыр бгъэгъунумэ псыншэуэ,
Лъэпкъыр бгъэкIуэдынумэ бзэншэуэ къэгъанэ

Лъэпкъ  щхьэхуэ  куэдрэ  дин зэхуэмыдэ къомрэкIэ  зэхэлъ Уэсмэн Импэриер  зэхэкъута нэужькIэ яухуа Тырку Республикэр  лъэпкъ  къэралыгъуэм( тырку лъэпкъым)  тегъапсыхьат. Ауэ   ар зэхуейхэм хуэдэуэ тэрэзу  гъэзэщIа   зэрыхъунум  лъэпощхьэпоитI  къыпэщытт,

Зыр,  мымуслымэнууэ  лъахэм   щыпсэу  цыхубэр( алыджхэр, ермэлыхэр..)

Адрейри,  муслымэнууэ  ауэ  мытыркууэ  жылагъуэм  ис  лъэпкъхэрат( курдхэр, черкесхэр, апхъазхэр, хьэрыпхэр..)

Алыджхэмрэ  ипэм  Уэсмэн къэралыгъуэм  хиубыдэ  къуэхьапIэ  къэралыгъуэхэм   къина  тыркухэмрэ  зэпахъуэжащ.  Ермэлыхэри мащIэ зы  тэкIу фIэкIа къэмынэуэ,  илъэс зыбжанэ ипэ зэрылъэпкъыуэ жылагъуэм ирагъэIэпхъукIагъэхэти  мымуслымэн лъэпкъхэм хуэгъэза « проблэмыр»   апхуэдэуэ зыблэха хъуат..

АдэкIэ,  чэзур  зейр  муслымэну  ауэ  мытыркууэ  щыт  лъэпкъхэрати, я  бзэ  я хабзэхэр  IэщIыб  ящIри ахэр  псори,  хуей хуэмейми, хагъэшыпсыхьын, ягъэкIуэдын                                                                                        я гъугъэуэ ,къахуэупсэ нэпцI защIыурэ, тырку лъэпкъым  щыщу ябжащ,

Зауэ  нэужьым, Тырку  Республыкэмрэ  зауэм  и адрей лъэныкъуэ къуэхьапIэ къэралыгъуэхэмрэ зэращIылIа зэгъурыIэныгъэм ипIкъ  иткIэ, алыджхэмрэ  ермэлыхэмрэ я динхэр  зэрахьэнымкIэ,  я бзэхэмкIэ зыдж еджапIэхэр   IуахынымкIэ хуитыныгъэ  яIэт  ауэ Тырку къэралыгъуэр щаухуа  зэманым къыщыщIэдзауэ  а лъэпкъхэм я мылкухэр  ( еджапIэхэр, сымаджэщхэр,щIыхэр, псэуалъэхэр ) трахат, я хъугъуэфIыгъуэхэр  зэрапхъуат.

Мы  махуэхэм,  а лъэхъанэм  зэрахьа  къуэншагъэр  ягъэзэхуэжын я  мураду, къытрахауэ  щыта  мылкухэр зейхэм зэрыратыжыным  теухуа  унафэ  хьукумэтым  ищIащи, батэ ягъэша нэхъей  лъахэм  и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр быдэуэ  абы топсэлъыхь, мымуслымэн лъэпкъхэм я лIыщхьэхэми хьукумэтым фIыщIэ хуащI.

Ар  хъарзынэщ   ауэ   адыгэхэм  я « мылкухэр»  зэрыхъунур  щэ? Муслымэн  лъэпкъыуэ зэрыщытхэра дагъуэуэ яIар?

Цыхуми , лъэпкъми   и мулку нэхъ  лъапIэ дыдэр,  и хъугъуэфIыгъуэ   нэхъыщхьэр  и  бзэмрэ  и   щэнхабзэмрэ  аракъэ?

Уэсмэн  къэралыгъуэм  и  зэманым черкесхэм   яIэ  хасэхэр,  адыгэбзэ  зыдж  еджапIэхэр  Тырку  Республикэр   зэраухуэуэ  икIэщIыпIэкI ягъэбыдэри  сыадыгэщ  жыпIэныр  нэгъунэ   ямдэж хъуат!

Абы   щыгъуэ,  адыгэхэм  я    хъугъуэфIыгъуэ   нэхъыщхьэуэ дыдэуэ щыт  я   бзэ  я хабзэбзыпхъэхэр   трахат!

Мис   иджы  нобэ, алыджхэмрэ  ермэлыхэмрэ  зэрыхуащIам хуэдэуэ, черкесхэми  къуэншагъэкIэ IэщIахауэ щыта  я  мылку  нэхъ лъапIэ дыдэуэ  щыт  я  бзэ я щэнхабзэр  къызэрыратыжынымкIэ  къэралыгъуэм  поплъэ...

Лъэпкъыр  дымыгъэкIуэдын  дыуеймэ, Черкесями диаспорами , дызщыщ  къралугъуэхэм ( Тырку Республэкэми Урысей Фэдэрацэми )зэрыдфIагъэкIуэдынымкIэ я лъэкI  къамыгъэна ди  мулку нэхъыщхьэ дыдэуэ щыт адыгэбзэмрэ адыгэ  щэнхабзэмрэ « къызрыдатыжынымкIэ» быдэуэ  датекъузэн  хуейщ.

Тэгъулан  Екъуб


Bu yazı toplam 3205 defa okundu.





Bu yazıya yorum eklenmemiştir.
Sitemizin hiçbir vakıf, dernek vs. ile ilgisi yoktur. Sitede yayınlanan tüm materyallerin her hakkı saklıdır. Sitemizde yayınlanan yazı ve yorumların sorumluluğu tamamen yazarına aittir.
Siteden kaynak gösterilmeden yazı kopyalanamaz.
Copyright © Cherkessia.Net 2009 İletişim: info@cherkessia.net