Лъэпкъыбзэр к|уэдмэ, лъэпкъри к|уэда мэхъукъэ ныт|э,
Ар ф|ыуэ ящ|э абыхэм,
Я анэдэлъхубзэмк|э зэрыпсалъэм щхьэк|э , я анэдэлъхубзэмк|э тхыгъэрэ тхылърэ зары|эщ|элъым, я анэдэлъхубзэмк|э уэрэд зэреда| уэм щхьэк|э суд тепщ|ыхьу ц|ыхухэр хьэпсым, лъэхъэщым щ|эбдзэни хуеижкъым ипэм хуэдэуэ,
Щ|ы и лъэпкъыбзэр къыпщхьэмыпэй, зэф|эк|ащ....
Лъэпкъыр бгъэк|уэдынумэ, я анэдэлъубзэмк|э зэрыпсалъэм щхьэк|э, еджып|эм ( школым ) щ|эс ц|ык|ухэм тазыр ятеплъхьэу лъэкъуэмц|эрыхьк|э зыф|эбгъэтыни хуеижькъым нобэ,
Щ|ы и лъэпкъыбзэр къыпщхьэмыпэй, ари хъунущ..
Лъэпкъыр бгъэк|уэдынумэ, я адэжь щ|ыналъэм уилъадэрэ зетебук|эй, лъапсэрыхрэ лъэпкъ гъэк|уэдрэ къахуэбгъэк|уэу , ц|ыхухэр я Хэку йомгъэ|эпхъук|ми хъунущ иджы,
Зауэ йомщ|ыл|эми хъунущ иджы нэужьым,
Щ|ы я анэдэлъхубзэр къыпщхьэмыпэй, аркъудейр ирикъунущ...
Даурэ ар къыпщхьэмпэж зэрыпщынур ныт|э ..?
Абык|э щ|эныгъэ яромгъэгъуэт .!
Абык|э политикэ яромгъэщ|э.!
Ар парламентым щ|омыгъэхьэ.!
Ар хьукумэтым ( Правитнлствэм ) йомыгъэк|уалъэ.!
Абык|э |уэху –дэлъ яромыгъащ|э.!
Ар финансымрэ экономикэмрэ бгъэдомыгъэхьэ.!
Нахуэу жыт|энщи, ар гъащ|эм къыщыпщхьэмыпэуэ, абы уритемыпсоук|ыфыуэ къэгъанэ ..
Ауэ ,ц|ыхухэм тэк|уи « Уателъэщ|ыхьын» хуейщ ,
Яжев|э мыпхуэдэу ;
« Мащ|э-куэдми , радиомрэ телевизорымрэ анэдэлъхубзэ итщ, газэтрэ журналрэи къыдок|.»
«Фыхуитщ фи бзэр зэвгъэщ|энк|э, унагъуэхэм фыщыпсалъэ ..Фи ц| ык|ухэм я анэдэлъхубзэр унагъуэхэми щевгъащ|эфынщ.. »
« Мес хуейхэми школхэм лъэпкъыбзэ щаджыфынущ , фыгъак|уэ фыхуеймэ »
Ауэ анэ- адэхэм , «Къытщхьэпэну ар ? » жа|а, лъэпкъыбзэр щхьэпэншэуэ зэрыщытым гу лъатащи ,
К|ыхьым и к|эщ|ыр аращи, Лэпкъыр бгъэк|уэдынумэ, лъэпкъыбзэр гъащ|эм хомыгъэхьэ, къэралыбзэу зомыгъэхьэ, жьэгу пащхьэ бзэуэ къэгъанэ
Ирикъунущ аркъудейр,
Щ|ы лъэпкъыбзэр къыпщхьэмыпэ ..
Тэгъулан Екъуб