

«Адыгэхэр зымахуэ зымахуэкIэрэ Хэрэмэ Iуащхьэм щысхуэсыжынухэщ» жаIа,
ЗэрыжаIам хуэдэуэ хъуащ,
Гъатхапэ мазэм и 12-м адыгэхэм я « Хэрэмэ Iуащхьэ»-р Тыркум и къалащхьэ Анкъэрэ къалэрат.
Лъэпкъ Iуэхухэм хуэгъэзауэ цIыхухэр, хэгъуэгум и щхьэхуэ лъэныгъуэ куэдымкIэ къикIыурэ, гуэрэн гуэрэну «Iуащхьэм» къекIуэлIахэт,
ЦIыкIур цIыкIуу, иныр ину, жыи щIэи, цIыхубзыи цIыхухъуи зэхэту, уэру зэхэвынэуэ мин бжыгъэхэр зэхуэсат,
Иджыри къэсыхукIэ, лъэпкъ Iуэхугъэм ехьылIауэ, адыгэхэм Тыркум зэикI пэкIу щырагъэкIуэкIатэкъым,
Уэрамхэм зэикI къыдэхьахэтэкъым,
Къэралым гулъытэ къахуищIу, я лъэпкъыщхьэр къилъытэуэ,я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ зэрахьауэ адыгэуэ псоунымкIэ къазэрыдэIэпыкъуным зыкъомрэ пэплъахэ щхьэкIэ, зарыщыгугъам хуэдэуэ къыщIэкIатэкъым,
Ауэ иджы Iуэхур егъэзыпIэншэ хъуат,
Лъэбакъуэ лей чын хуейт,
Дунейр щIэращIэуэ щыщIидза а гъатхапэ махуэ дахэм, лъэпкъ ныпхэр згъауфэразэ адыгэхэм я джэ макъхэм, Анкъэрэ къалъэм и уэрамхэр нэхъри игъэщIэращIэт!
«Iуащхьэм» къиIукI макъхэм, адыгэхэм, пасэрей зэманхэм зэрыщытам ещхьыуэ дияпэкIэи я бзэр я Iурылъу я хабзэхэр ягъэзащIэуэ, лъэпкъыуэ псоун заримурадыр быдэуэ нахуэ къищIт,
ПэкIу нэужьым, цIыхухэм ягухэр зэгъауэ, я лъэпкъ щхьэкIэ зэрызэхэтар я гуфIэгъуэуэ, зэрыгъэгушхуахэуэ зэбгырыкIыжахэщ,
2011 гъэм гъатхапэ мазэм и 12-р, адыгэхэм я зкъаузыжь махуэуэ тхыдэм хэтынущ.
Тэгъулан Екъуб
