

Дыгъэр тэкIу
къызпырыплъми, щIыIэ-уагэм узписыкIт, мыпхуэдэ уагэ Истанбул
зэзэмызэхэт къыщыхъур ауэ ари а тхьэмахуэм хуэзат. Лъэпкъым гузэвэгъуэ
хуизиIэ зыкъом хъу адыгэр,я цIызухъуи я цIыхубзи зэхэту, уэфI
уэлбанэ жьамыIэуэ, гуп-гупыурэ Истиклал уэрамым къекIуалэт .Шылэ
мазэм и 29-м ,сыхьэтыр шэджагъуэ нэужьым 3 щыхъуам
деж, нэрыбгищэ зыбжанэм нэсат къысхуэсахэр, уэфIу щытамэ дауикI
куэдкIэ щхьэщыкIынт а бжыгъэм.
Истанбул Истиклал Уэрамыр, къалэм я нэхъ цIэрыIу щIыпIэхэм язщ, къещIэкIа хьэблэхэри тхыдэм кууэ хэтщ, и Iэгъуэблагъуэми ижь лъандэрэ лъэпкъ зэмылIэужыгъуэ къом щопсоу. ЗэрыцIэрыIуэм къыдэкIууэ , а уэрамыр цIыхубэми я зыхуэсыпIэщ, цIыхубэ зэгуэхьэныгъэхэм я пэкIу щIыпIэщ, апхуэдэуэ зы махуэм пэкIу зыбжанэ зыкIэлъыкIуэуэ щекIуэкI къохъу. КIыхьым и кIэщIыр аращи, къыиныгъэ зиIэм и проблэмыр мыбдэжым нэхъ нэрылIагъу щещIыф, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм нэхъ тыншу зхуегъэзэф.
Черкеся Активистхэр зи пашэ Черкеся гупым игъэзэщIа мы пэкIур зытеухуар, зилъэс лъандэрэ зауэ щекIуэкI Сирием щыпсоу адыгэхэр зыхэт гузэвэгъуэр зэрыхъун зэрыщIэнрат. ПэкIум хэтхэр, АдыгэбзэкIэ, ТыркубзэкIэ, УрысыбзэкIэ, ИнгилизыбзэкIэ, ХьэрапыбзэкIэ тхыгъэхэр зытет тхылъымпIэ напэхэр лъагэу яIэтауэ Истиклалым ирикIуэуэ щIадзащ .ЦIыхухэр зэзэмызэи я гурашэр къраIуэурэ щIэгуоукIт. Истиклалыр , зэрыжьаIэу жэши махуэи цIыхур Iуву щысхэвынэ уэрам псыгъэу кIыхьыр, "Черкес", "Черкеся" псалъэхэмкIэ къазджызджт! Пэжым ухуеймэ, Истанбул и курэкупсэм щыIу мы макъхэм адыгэ псоми ягур хыгъэхъуэрт. БлэкI-къыблъэкIыжхэри зырзым щIэупщIэрт пэкIум хэтхэр зыщыщымрэ зыхуейхэмрэ зэрагъэщIэну..
Зы сыхьэт нужьым , пэкIур УФ-м и
лIыкIуэуэ Истанбул щыIэм и щIапIэм нэсри абдежым щыувэIащ
.Гупым и псалъэ гъахур къыхэкIри, Сирие Черкесхэр, я
адэжь щIыналъэуэ щыт Адыгэ Хэкум гъэIэпхъуэжын зэрыхуейм тепсэлъыхьащ.Абы
иужькIэи, мы Iуэхур зыблэхынымкIэ УФ-м и унафэщIхэм къахуеджащ
Гуыпыр мамыру щызбгрыкIыжым, ягуми жы тэкIу дихуат..
Си гугъэмкIэ, цIыхубэмрэ къэралыгъуэм и унафэщIхэмрэ укъацIыхуу укъащIэн щхьэкIэ, пэш кIуэцIхэм щебгъэкIуэкI зэхуэс тIощI нэхърэ,зы пэкIу цIыкIу зыхэпшэныр куэдкIэ нэхъ щхьэпэм...Ари адыгэхэм хомхомурэ зэрагъащIэ хъуащ.Elinize sağlık Yakup bey. Konuları böylesine kısa ve ustalıkla analiz eden yazılar her zaman karşımıza çıkmıyor.
06 Şubat 2012 Pazartesi Saat 21:19