Karakter boyutu :
КАФФЕД'РИ ИП|ЭМ ИРАШАЩ

09 Ocak 2013 Çarşamba Saat 00:07

Анадолэм ику дыдэм къинэ , Тыркум и къалащхьэ Анкарэр, щ|ымахуэм щ|ы|э-уагэм усписык|ыу уэлбанэ хъу хабзэщ. Щ|ышылэм и 5-м хуэзэ щэбэт махэри апхуэдэт ,пщэдджыжым уэс кърипхъыхыу къыщ|идзэри, иужьым шыц| уэс жыхуа|эм хуэк|уат..
Анкара зэзэмызэ сыкъак|уэ мыхъумэ ,зэик| сыдэсатэкъым, абы къыхэк|ыуи, и гъуэгухэми щ|агъуэ сыщыгъуазэтэкъым. Т|эк|у къэслъыхъуами, щэджагъу нэужьыф| хъуат, УФ-м и л|ык|уэм и хэщ|ап|эм ( посолсвом) сыщынэсам.Гъэгухэр яубыдауэ, хэщ|ап|эм и бжэ|упэм |узу |утт полицэхэр ауэ, пэк|у езгъэк|уэк|ынухэр къек|уэл|ак|этэкъым ц|ыху зэрыз-т|урыт| ф|эк|а.
Сирием и къэралк|уэц| зауэр къэзэрыжьерэ илъэсит| хъуащи, зэрыхь-зэрыл|ым хыубыда Адыгэхэм папщ|э дауэдапщэ щок|уэк| Тыркум алъандэрэ. Мис иджы нобэй, ахэм яз зы щыхъунут къалащхьэм..
Мызэгъуэгу зэхыхьэр зэхэсшар, Кавказ Хасэхэм я федерацэрат (КАФФЕД). Нэгъуэщ| гупхэм куэдрэ ялэжьами, нобэ къэсыхук|э , Каффедыр зэик| |ухьатэкъым УФ-м и
' бжэ|упэм ’. Сирие Адыгэхэм къащхьэщыжу, Уф-м, тхыгъэрэ лъэ|ук|э зыбжанэрэ зыхуагъзами, далэ къэс зэрыхъуу щ|ык|эу, щ|агъуэ къыщыхуемгугъум, уэрамым дэмыхьэну |эмал имы|э хъуат..
ДАХ –м (Дунейпсо Адыгэ Хасэм) хэт Каффедыр, ф|ырыф|к|э утыкум пхуихьэнутэкъым |эмалыншэ дыдэ мыхъуатэмэ..
Уф-р, Каффедыр нэгъунэ ип|э щыришыфак|э, тэк|у зык|элъыплъыжыну хуейуэ къыщ|эк|ынщ. Каффедыр, шхыдэ хъущ|э псалъэк|э Уф-м и посолсвэм и гупэм и щыпэ |ухьат нобэр, нэрыбгэ 1000-м неблагъэй къызэхуэсат хъущ|эшхыдак|уэууэ..
Каффедым ищ|э илъэжь |уэхугъэ куэдым теубыхь Адыгэ Хэкупсэхэри ипэ къихуэу, нэгъуэщ| адрей гупхэми къыда|ыгъащ мы |уэхур ик|и къадыхэтащ мы пэк|ум.
Уэрамым гуо макъыу щы|уар, псалъафэу къыщ|ек|уэк|ар зытещ|ыхьар ’Черкес‘ жы|эк|эрат ; “ Сирие Черкесхэм я адэжь ш|ыналъэр Черкесиящ ,,!»
Каффедми и |этащхьэм и жыэ|к|эу,
мис мырат утыкум нэхъ щыплъагъу, нэхъ щысхэпх псалъэр..
Дунейпсо утыкум, адыгэхэм я ц|эр ’ Черкес ‘хъун зэрыхуейр нахуэ къащ|ащ нобэ къысхуэсахэм.
Си гугъэмк|э, УФ-р, адыгэ пэк|ухэм еплъ къудейуэ къимыгъэнэу, к|элъыплъыжу тегупсысыхьын хуейщ адыгэхэр утыкум къихьэрей щ|эхъуа щ|ык|эм, нэхъ ‘|эсэ ‘ дыдэу щыт Каффедыр нэгъунэ ип|э иша щ|эхъуа щ|ык|эм..

Bu yazı toplam 4418 defa okundu.
Hayyrullah Atalık
Дызкъуэтмэ дыл1эщс дызкъуэмытмэ диуынэгъуэбжэр хуэт1щ1ыжащ.
11 Ocak 2013 Cuma Saat 16:36