

«Адыгэбзэ къыпхуищ|а « жа|эмэ кърагъэк|ыр дахэ
къыбжи|а , ф|ыуэ къыпхущыта , ц|ыхугъэ къыуиха
жыхуа|эуэ арат ди адэжьзэм....
Куэд щ1акъым тхьэмахуит1 -щы ипэт , Тыркуем и пример-
министыр Ердоганрэ Куржым и пример- министырыр журналистхэм
ща1ущ1эм , л1ыщхьит1ри езбыхэм я бзэхэмк1э къэпсалъэхэурэ термэшми
зэрыдзэк1ыжырт. Ар гъэщ1эгъуэн зыгуэрэу аракъым , дунейм
дэнэк1эй щыапхуэдэщ ауэ Куржым и примерыр сыц1ухутэкъыми щыпсалъэм ,
адыгэбзэм и макъхэми тэк1у езгъащхьэуэ , мыр
сытыбзэуэ п1эрэ щ1ыс1эурэ сахэдэ1ухьат ахэм абы щыгъуэ ,
Сытк1э пц1ы сыупсын , Куржым и л1ык1уiм сехъуэпсат ик1и
сефыгъуат и лъэпкъыбзэр мыпхэдэуэ лъэщу утыку зэригъаувам щхьэк1э.
Абдежым сэрсэрыуэ сыгупсысри " Мис " жыс1ащ " Черкесыбзэми мыпхуэдэ зы
увып1э игъуэтатэмэт хьэрыкъуак1э дэхьэжыным
къызэрелынур " .
Нобэр , гъэтхапэ мазэм и 14 -р , Адыгэбзэм и Махуэуэ "
щагъэлъэп1энущ " щ1ып1э куэдым.,
Адыгэбзэр даурэ гъэлъэп1а зэрыхъунур ?
Адыгэм " Псалъэр быгъэувмэ вы , уымгъэувмэ ц1э мэхъу " жи...
Адыгэбзэри , " Къуэгъэнап1эм " къыкъуэтшыжу утыкум идымгъэувэжмэ
ари зэрыхъунур аращ.
Утыкур дэнэра ?
Утыкур, къэралым и 1уэху щ1ап1эхэращ...
Утыкур, къэралым и 1этащхьэм и унэращ...
Утыкур , парламентращ , хьукумэтращ.,
Утыкур , хъыбар егъащ1э 1энат1эхэращ , газетхэращ , телевизорхэращ ,
радиохэращ , интернетраш..
Утыкур, егъэджап1эхэращ , университетхэращ.,
Утыкур, щ1эныгъэ зэрызырагъэгъуэт 1эмэпсымэхэращ , тхылъхэращ.,
Утыкур , гъащ|эр щек|уэк| щ|ып|э псоращ..
Адыгэбзэр мис мы утыкухэм къитщэжмэ аращ ар зыгъэлъэп1энури ,
зыгъэбжыф1энури, и пщ1эр зы1этынури..
Мис абы щыгъуэщ ди адыгэбзэу черкезыбзэм и махуэр " махуэ "
щыхъунури.,
Хэкум и хъумак1уэ Хэкурыс адыгэхэми , дунейм щикъухьа диаспора
адыгэхэми псом дысхущ1экъуну дысхущ1эбэныну хуейр, адыгэбзэр утыку
ишэжынращ...
Къуэгъанап|эм къишыжу , уэру , шэрыуэу , лъэшу утыку игъэувэжынращ
ди |уэху псом я нэхъапэр.....
Тэгъулан Екъуб , Истамбул
