

Ди лъэрыжэхэр дэ тщ|ыжу щытащ дыщыцык|ум . Пхъэмбгъур къидгъэжык|т , пхъэупск|э дыупст дыузэхужырти и лъэгуми къэнжал щ|эдбзэжт уэсым ф|ыуэ тец|эфтын папщ|э . Къуий хуэщ|ынт хуейт убыдып|эуи , чы ц|ынэр къэдгъэшти ди лъакъуэхэм хуэф|у ф|этлъхьэжт лъэрижэм.
Ит|анэ , джабэм дыдэк|т гупууи , бжьэпэм дызэрынэсыу зкъытытеупщхьэт егъэзыхыгъуэмк|э ..’’ Выннн...! ’’ жи|эу дыкъелъэтэхт зэк|элъхьаужу , дызэрыгъэгуоу дызэрыгъэк|иу , дызэрыгъэдэхьашхыурэ..Абык|э ц|ык|ухэм ды нэгу зедгъэужьт , ди зэш зытедгъаут.
Нобэй абы ещхьыуэ , Къуэбыдэ лъэрыжэ къыщежьэхынухэуэ жа|а ..!
Къуэбыдэ ..Къуэбыдэ ..Къуэбыдэр дэнэ?
« 1864 гъэм и гъатхэм ,Урыс Пащтыхыгъуэм Адыгэхэм къарищ|ыл|а зауэр Къэубыдэ еуэл|ат . Ц|ык|ухэмрэ ц|ыхубзхэмрэ гъэбыдап|эу я|эжыр абдеж закъуэрат, Къуэбыдэрат . Псэзыпылъэхьэп|эм ихуахэти лъыуэ ящ|этыжыр абдежым щагъэжэнут. Къэнэжа зауэл| псори абдежым щысхуэсащ .. Ц|ыхубзхэми , я пщэхъу - я |эпщэрылъхэр псым хадзэри |эщэ къащтащ ц|ыхухъухэм ябгъурыту зеуэну ..Зауэр къиублащ ..Мыр зауэтэкъым , ат|э , зэрыхь – зэрыл|т ..! Адыгэхэр зэрыхь-зэрыл|ым щ|еувэл|ари зауэр къахьын я гугъэу аратэкъым ат|э , л|эн я мураду арат . Ц|ык|у –ин , ц|ыхухъу- ц|ыхубз зыкъэмынэу , псори л|ащ ..Дэнэк|э зыбгъэзэми лъэныкъуэ псори хьэдэм зэщ|ищтат . Кумб –лъэмбым из хъуа лъыпсым , хьэдэхэр ат|к|э- мытк|э щызрихьэт . Къуэм лъы бахъэр къыдихт , лъыпсыр тхъурымбэу къежэхт ..»
Тхыдэм мыпхуэдэуэщ зэрыхэтыр , иужьк|э и ц|эр зэрахъуэк|ыу ‘’Красная Поляна- Удзыпц|э Плъыфэ ‘’ зыф|ащыжа Къуэбыдэр .. Адыгэхэм мыпхуэдэуэщ я нэгу зэрыщ|этыр ‘’Къуэмыгъуэ’’р.. Мыбдежращ , нобэ лъэрыжэ къыщежэхыну , олимпиад щащ|ыну мурад зыхуа|э а щ|ып|эр..!
Адыгэхэм ялъ ящ|эжын |уэху зэрахуэкъым ,зэрахуакъым зэик| , зэрахуэн хуейкъым ди япэк|эй.
Ат|э сыт зыхуейхэр ? Зыхуейхэри зи яужь итхэри, къалыса лейр гъэзэк|уэжынращ...
Тэгъулан Екъуб, Истамбул, Шылэ Мазэ, 2014 гъэ
