Karakter boyutu : 12 Punto 14 Punto 16 Punto 18 Punto
Tegulan Yakup
ЕЩАНЭ IЭПХЪУЭГЪУЭР IЭМАЛЫНШЭУЭ ХЭКУМКIЭ ХЪУН ХУЕЙЩ...
17 Nisan 2014 Perşembe Saat 23:39

Зэгуэрэм, Истамбул щыпсоу зы адыгэ лIыжь срихьэлIэгъащ. И щхьгъусэри имIэжу изакъуэуэ къэнауэ и бынхэм ядэпсоут. ДыщызэIущIэм, "Тхьэмадэ" жызIэри сеупщIащ "Мис иджы уи бынхэми уабгъэдэсщ, хъарзынэуи къыпкIылIоплъхэ, къалэм даурэ удэхъухьрэ?" ЛIыжьыр зэ зыщIэгупсысыхьыжри иIыгъ баш къуаншэмкIэ и лъапэм теуэурэ, "Уэлей шынэхъыщIэ" жери ар жиIащ, "Уи фIэщ хъурэ, сэркIэ Истамбулыр жэхьэнэмэмэ, си ныбжъэгъухэм сахэсыжу си къуажэжь сыщыпсоужамэ ар сыткIэи нэхъ къэсщтэнтэмэ!"

ТхьэмахуитI ипэ зызплIыхьыну Узуняйлэ сыкIуэжауэ адыгэ къуажэхэр къыщызкIухьым, лIыжьым а жиIахэр сигу къэкIыжащ. А лIыжь закъуэракъым апхуэдэуэ егупсысыр, и къуажэ щалъхуа щапIа, и цIыкIущхьэр абы щекIуэкIа, Узуняйлэ псоукIэр зи нэгу щIэкIа псомкIикI Iуэхур зытетыр аращ.

Зылъэгъуахэр щыгъуазэщ, Узуняйлэ щIыналъэр апхуэдэуэ уызIэпишэну дэхапIэкъым, щхъуэнтIагъэ щIагъуэи имыIэуэ губгъэ нэщIщ, уыщыпсоуныри гугъщ. Мис иджы соплъри, къуажэхэр нэщI хъуащ, дэсыжи щэIакъым, унащхьэхэр къиуащ, унэ блынджабэхэр къэкъутащ, сэрейхэр удзкIэ зэщIэкIащ.

Сыт нытIэ цIыхухэм Узуняйлэр ягу зэикI щIимыхур, ар щIащымыгъупщэжыр, абы щIэбегыурэ я гъащIэр щIрахьэкIыр?

Унэ ябгынэжахэмрэ уэрам нэщIхэмрэ сеплъыурэ къыщызкIухьым абы согупсыс. Пэжщ, хэткIэи щалIхуа щапIэ щIыпIэхэр гум имхужщ ауэ а щыналъэм щыпсоуа, а гъащIэр есхьэкIа адыгэхэмкIэ нэхъыщхьэр нэгъуэщIщ.

Узуняйлэр фIыуэ уэзгъэлъагъур щыпсоу цIыхухэрат,

Абы щекIуэкI адыгэ гъащIэмрэ адыгэ псоукIэмрат,

ЦIыкIухэм я гуо-кIий макъхэр, щIалэгъуалэм я гущэIа- джэгухэр, лIыжхэм я хьэщIэщ уэршэрхэр, жыжэуэ къыщыIу пшынэ макъхэрат,

Ар "Хэку ЦIыкIуу" зэтыраухуати я Хэкужьым пэлъытэуэ ябжт,

Ар ягъуэтыжын я гугъэуэ я къужэм кIуэжахэр ипэщIыкIэ моуэ зэ къоуIэбжьэ, итIанэ къагуроуIэ, къуажэри жылэри зыгъэдахэр абы щекIукI гъащIэр зэрыарар..

Мис иджы, Адыгэ Хэкум гущIэгъуншэуэ кърагъэIэпхъукIыу мы щIыналъэм кърагъэтIысхьэуэ щыта адыгэхэр етIыуанэуэ аргуэру Тыркум и щIыпIэ псомкIэ щэIэ къалэхэм икъухьауэ Iэпхъуауэ къалэдэс хъуахэщи епщIанэращ къуажэхэм къыдэнар,

ЩыгъупIастэкIэ псоукIэфI яIэми, ЗыдэкIуа къалэхэм, щыуэрамыншэщ, щыхьэщIэщыншэщ , щыгъунэгъунщэщ, щыадыгэбзэнщэщ,

КIэщIу жытIэнщи язакъуэщ,

Нобэ, ещанэуэ Iэпхъуэн хуей хъуащ..

Ауэ дэнэ зыдэIэпхъуэнур?

Щэч хэмылъыуэ Адыгэ Хэкуращ!..

ЗыхузэфIэкIым и пкърэ и щхьэкIэрэ,

ЗыхузэфIэмыкIми, игурэ и псэрэ и гупсысэмкIэрэ,

Лъэпкъыуэ къэнэнумэ адыгэр, ар Iэмалыншэ хъуащ,

Ещанэуэ Iэпхъуэн.., и Хэку игъэзэжын,

И щхьэкIэрэ мыхъуми игурэ и псэкIэрэ!

Тэгъулан Екъуб


Bu yazı toplam 3693 defa okundu.





Bu yazıya yorum eklenmemiştir.
Sitemizin hiçbir vakıf, dernek vs. ile ilgisi yoktur. Sitede yayınlanan tüm materyallerin her hakkı saklıdır. Sitemizde yayınlanan yazı ve yorumların sorumluluğu tamamen yazarına aittir.
Siteden kaynak gösterilmeden yazı kopyalanamaz.
Copyright © Cherkessia.Net 2009 İletişim: info@cherkessia.net