

Хэкурыс адыгэхэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ, лъэпкъ Iуэхухэм хуэгъэзауэ, къапэщыт къыиныгъуэхэр зэфIэха зэрыхъун щIыкIэм теухуэуэ къащыхъухэр щызтемыхуэ къохъ.ЗэзэмызэкIэи, зыщыпсоу къэралыгъуэхэм ящIэфыну я лъэ къихь псори зэрамылэжьым щхьэкIэ зэрогъэкъуаншэ, абы къыщымынэуэ, щызпыубыхьи щэIащ.
Хэкурыс адыгэхэм моуэ жаIа, (иужькIэ Хэкум згъэзэжахэри яхэту)
«Диаспорам, апхэудиз адыгэр фохъу, фи бжыгъэм елъытауэ, фыщыпсоу къэралыгъуэхэм зэрыхъун хуейм хуэдизу утыку щывиIэкъым, фызэхэс лъэпкъхэм фыхуэлажьэ мыхъумэ, фи лъэпкъ Iуэху зефхуэкъым. Фэ фызэрыс жылагъуэхэм я демократие щытыкIэр нэхъ ефIэкIуащ, нэхъ IэбапIэрэ хуитыныгъэрэ щывиIэщ. Апхуэдэуэ щыщыткIэ, адыгэ лъэпкъыщхьэр нэхъ хэIэтыкIауэ къыхэвгъэщын, абы нэхъ гу ефтыурэ ерышу фхуэлэжьэн хуейщ. Мэс, къывщIэхъуэ щIэблэм я Iэнэдэлъхубзэр ямыщIэурэ къотэдж. Хамэ къэралыгъуэхэм фикъухьауэ фиту, фи лъэпкъыщхьэр фхуэхъумэфыну Iэмал иIэкъыми, фымыгувэуэ къызрывгъэзэжыным фэплъ.»
Диаспора адыгэхэм, Хэкурыс адыгэхэм хужаIа,
«Фэ фи хэку фыкъинэжащ, фи хэку фыщопсоу, апхуэдэуэ пэтрэ , урыс щIэплъ фыхъуащ, къыфхуащI фи унафэщ . Фыхамэкъым, Хэкур фыфей дыдэщи, бжыгъэкIэ мащIэ фыхъуми, тепщэгъуэр фыфеин хуэейщ.Адыгэ културер, хабзэ-бзыпхъэр, адыгэбзэр хъумэнымкIэ фэ нэхъ Iэмал фиIэщ, фикъухьауэ щыткъым. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщ, лъэпкъыуэ укъызтенэнымкIэ нэхъыщхьэуэ щытхэм япэ къихуэр адыгэбзэращи, фи къэралыгъуэ хабзэхэри абы къыщезагъкIэ, анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщIэ щыхуэвмыщIыр сыт? ЕджапIэхэм, университэхэм, къэралыгъуэ Iуэху щIапIэхэм, сату щIапIэхэм, телевизорым, радиом адыгэбзэр щызэвгъэкIуэн хуейкъэ?»
ЛъэныкъуитIри, жаIэхэм куэдым щхьэкIэ пхуэгъэкъуэншэнукъым ауэ , си гугъэмкIэ, мы сэхьэтым, зым адрейм и кIащхъуэ къилъыхъуэ нэхърэ, лажьэр зэдалажьэуэ, адыгэ зи лъэпкъ дэнэ щэIэми, зэрэгъэгушхуэурэ зэрыубыдмэ нэхъыфI хъуну къыщIэкIынщ.
Тэгъулан Екъуб
Diaspora Yaşamından
Диаспорэм исы адыгэ милйонитфым моштэ зы гучъае и1эп. зыхэсы чылэм ихэк1одагъо чыжэу сыхаплъэрэп. Хэкум исымэ я муслмыгъэ я шыгъyпщыгъ, диаспорэм исымэ я адыгагъи,я муслмыгъи я шыгъупшыъ. Адыгэм тарихъ урысым езаогэ блэк1ыгъ. Адыгэм ы1орэр сыд: Адыгагъэр тыпкъ, муслимыгъэр тыпс.
18 Şubat 2010 Perşembe Saat 22:17Hoş geldiniz Sn.Tegulan!
Dilimizi ve sizi burada görmek onurdur.umarım sizin gibi yazanlar ve sizi okuyanlar hiç azalmasın,her gün artsın.
Wuzınşew!
Adıge dilinin büyük üstadı Sn.Tegulan. Cherkessia.net'de sizi görmekten büyük sevinç duyduk.
Selam ve saygılar.
