

Узуняйлэм нысашэхэр гъэмахуэ 1уэхухэр зыф1эк1а нэужь щысыгъуэм хуагъазэурэ щ1ымахуэхэрат нэхъ щыхъу хабзэр, бжыхьэк1эм къыщ1идзэурэ гъэтхапэм нэсыху ек1уэк1ыуэ. Щ1ымахуэм дэнэ къэна гъэмахуэхэм нэгъунэ жэшхэр щ1ы1э мэхъу щ1ыбым удэмтыфын хуэду, абы щхьэк1э жэш джэгухэр щынэхэр мэлхэр зыщ1эт чэтхэм щащ1..
Нысашэхэр 1960 гъэхэм нэсыху шу гупхэр дэщ1ыгъуу щыгурэ 1эжьэк1эрэ ек1уэк1ащ. Сэ си анэр 1943 гъэм Мэрашлы къуажэм къыщыращым хуабжьэуэ щ1ымахуэуэ хуэзэри, къуажэм 1эжьэ дэмыхьэф щыхъум нысашэ гупыр Жамботеижьым къыщанэщ Мэрэшлы шууит1 ягъэк1уэри нысащ1эр шык1э Жамботеижьым нэс къахьат жа1а. Иужьым мащынэхэр къежьэри шыхэри, шыгухэмрэ 1эжьэхэмрэ к1уэдыжащ..
Апхуэду нысэхэр шыгук1э къыщащэуэ щыта лъэхъанэхэм зэгуэрэм, Узуняйлэм ик1ыу Быгъурбаш къуажэхэм зым зы нысашэ гуп к1уэт жи. К1эути, аурэ гупыр Жамботей егъэзэхугъуэм еха къудейуэ шууит1 къапыкъок1..
Къапыкъок1 нысашэ гупыр къагъэувы1э, нысашэ тхьэмадэм зыхуагъазэри ар жа1а;
" Дэ а нысэ къыздифшыну къуажэм дыкъок1, къуажэм дыкъэгъэк1уащ Фыкъызтек1уэхь хъыджэбзым и анэр щы1эжкъым " жари..
Ар жа1эри замы1эжьэу занщ1эуэ ягъэзэж..
Тхьэмадэм зэи апхуэдэ зыгуэрэ и щхьэ къырик1уатэкъым, " Дау хъун дау тщ1эн, зы емык1у къэдмыхьак1ыщэрэ " жа1аурэ гупыр зехэзехуэ мэхъу. Нэхъыжыф1ым гупым и ек1уи и емык1ууи щхьэщех жа1э, Тхьэмадэм унафэ ещ1, " Нэхъ ф1ы1уэ шы тесу щ1алит1 къыхырек1 " жери..
А лъэхъанэм Къарэкъуий Адыгэ Унэхэ хабзэ бзыпхъэм хищ1ык1ыу ц1эры1уэ зы л1ыжь 1ущ- к1ыщ дэгъуэ я1эт жи, къыхэк1а шухэм яжре1э, " Фык1уэи абы феченджэш, мы 1уэху кьыгыным зы хэк1ыпэ къыдырегъэлъагъу " жери..
Шухэр Къэрэкъуий нос, жыхуа1а л1ыжьым и хьэщ1эщым щопсыхри, " Мыращ мыращ хъуар, мыращ дыкъыщ1агъэк1уар " жа1а..
Л1ыжьым ар къажьре1э, " Тхьэмадэмрэ Тхьэмдэ Къуэдзэмрэ пщаф1эмрэ хъыджэбз тхьэмадэмрэ зыдащ1ыгъунщи къуажэм к1уэнщ, хъыджэбзыр ц1ыхубзхэр зыщ1эс унэм щ1эхьэнщ, ц1ыхухъухэри хьэщ1эщым ек1уэл1энщ л1ам хуэгу1энщи ит1анэ абы нэгъуэщ1 къыпамыдзэу т1эк1у щыса нэухь, идыжы дэзэжынщ жа1энщ. Фи тхьэмадэм мыпхуэду ищ1ыну яжьеф1эж " жери..
" Хъунщ " жари шууит1ыр къозэж. Къозэж къосыжхэри л1ыжыьм къажьри1ар нысашэ тхьэмадэм жыра1эж..
Ит1анэ, л1ыжьым къызэригъэ1ущам хуэду Тхьэмадэмрэ Тхьэмадэ къуэдзэмрэ зы щ1алэрэ хъыджэбз тхьэмадэмрэ зыдащ1ыгъури ат1к1э къуажэм гупыр щысхэс унэм щ1охьэхэри л1ар зейхэм хогу1эхэ..
Т1эк1у щосхэри абы нэгъуэщ1 зыри жамы1эуэ " Иджы дезэжынщ " жа1а..
Ар зэрыжа1эуэ ящыщ зы л1ыжь къахок1ри, " Т1эк1у фыщысыж, фызгъэгувэнукъым " же1э зыдаща хъыджэбз тхьэмадэр къыреджэри ар жыре1э, " Уэ к1уэи нысэм зегъэхуапэ гъэхьэзыри хъыджэбзит1 дэщ1ыгъуу щ1ыбым къыщ1эш шыгум игъэт1ысхьэи сэ хъыбар къызэт " же1э..
Л1ым зэрыжи1ам хуэду 1уэхур ягъэзащ1э. Ит1анэ, к1уахэм зыкъыхуегъазэри, " Фыкъыщ1эк1уар зэпэщщ, фэри Тхьэм фигъэпсэу, гъуэгу махуэ " жери нысэри къыдащ1ыгъури кърагъэзэж..
