

19-рэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм, Хэку зауэщхуэ нэужьым, адыгэхэм псоупIэ яхуэхъуа Узуняйлэ щIыналъэ, бзаджагъэкIэ бзаджэу, фIыгъэкIэ фIыуэ Мэрзей РэшидкIэ еджэуэ зы лIы Iущ-кIыщ гуэрэ исыгъащ.Мы къыжытIэну IуэрыIуатэр щекIуэкIа лъэхъэнэм, Узуняйлэр, иужькIэ Къайсэр къалэм хагъэхьэжами, Сивас къалэрат зыхэтыр.
А зэманым тепщэгъуэр зыIыгъ пащтыхьым, Сивас къалэм теухуа зы унафэ къищIри, ар игъэзэщIэну къалэм и Iэтащхьэм и пщэм дилъэхьащ.Унафэр гъэзэщIэныр Узуняйлэ къыщыщIадзэн щыхъум, Мэрзей Рэшид унафэр игъуэуэ имлъагъуу абы пэщIэуващ, зэримыдэ щIыкIэри, Iэкъылым и гъунэгъуу икIыи гурыIуэгъуэуэ къэлэм и Iэтащхьэм жыриIащ.
Куэд дэмыкIыуэ, ищIа унафэр игъуэуэ зымлъагъу Мэрзей Рэшид и хъыбарыр пащтыхьым нагъэсащ.Рэшыд, а унафэр иугъуэджэуэ щIилъэгъуа щIыкIэр пащтыхьым къыщыжраIэм, егупсысыжри ищIа унафэр зэрымхъуар къыгурIуащ икIыи , Узуняйлэ хуэдэуэ пхыдза зы щIыпэ, ар зи губзыгъагъ, зи Iущагъэ зылI зэрисыр игъэщIэгъуащ.
Пащтыхьым а лIы Iущыр зэригъэцIыхун и мураду, ар Истамбул къригъэшэну Сивас къэлэм и тхьэмадэм хуиIуэхуащ.Къалэм и тхьэмадэми, Рэшид зы лIыкIуэ хуигъакIуэри пащтыхьыр къызреджэр зэрыт тхыгъэр иритащ.
А лъэхъанэм, икIыи пащтыхьым и унафэм упырыуауэ икIикI лIыкIуэ къищIу тхылъкIэ ущыриджэкIэ абы фIы къызримхьыныр IупщIт! Рэшыд, ищIэнум щхьэкIэ ячэнджэщыну, Узуняйлэм и нэхъыжьхэмрэ тхьэмадэхэмрэ зэхуишэсащ.Хасэм къекIуэлIахэм хэтым, «КIуэ , ягъэкIынкъым» жьаIа щхьэкIэ, зыкъомми , «УмыкIуэ, укIуэмэ пащтыхьым упилъэнщ,зэкIэ зыIуплъ, лIыгъэкIэ уашэн хъумэ дэ утхъумэнщ, уедгъэшэнкъым» жьаIащ.
АрщхьэкIэ, Мэрзей Рэшид, «Абы сэ сыпилъэнумэ дэнэй сыщыпилъэфынщ,кIапсэрэ пкъо зэфIэдзарэ мыбыи щигъуэтынщ, сыкIуэнурэ зезгъэцIыхунущ ,фэндым ищхьэр уымтIатэмэ ху илъми псы итми пщIэнукъым..»жьиIащ.Рэшид дапхуэдэуэ щыжьиIам, къекIуэлIахэри къыпырыуажьакъым.
Мэрзей Рэшид гужьеигъуэ имыхуэуэ, Истамбул кIуащ.Пащтыхьыр, мэрем махуэкIэрэ щэджагъуэм нэмэзыр ищIыну мэжджытым къэкIуэрти цIыхубэм къахэхьэрт.Зы мэрем махуэ гуэрэ, пащтыхьыр нэмэз ищIыну, шиплI зэщIэщIа шыгу гъэщIэрэщIакIэ Беязыт мэжджытым кIуащ.Пащтыхьыр, нэмэз къыщIэкIыжыгъуэм цIыхухэм IэхъшэкIэ етэ и хабзэт.Рэшиди ар ищIэти, пщIэгъуалих зэщIэщIа шыгу зыкъизыхкIэ а мэжджытым кIуат.Нэмэзыр щиухым,апхуэдызу узIэпишэти, пащтыхьым ейрауэ яфIэщIри цIыхухэр Рэшыд и шыгумкIэ зэрыгъэкъуахэщ ауэ ар пащтыхьым зэремейр къащIэри къагъэзэжащ.
Хъуахэм пащтыхьым гу лъимтэну Iэмал иIэнт, «Хэту пIэрэ ар» жэри и блыгу щIэтхэм яжриIэри Рэшид къригъэшащ.Еплъри , а шыгу гъэщIэрэщIар зейр ,Сивас къригъэша а и унафэм къыпырыуа лIы Iущрат!
Пащтыхьыр, Рэшид игъэтIысри къеупщIащ:
«Уэ дэнэ ущеджар,дэнэ щIэныгъэ щызрыбгъэгъуэтар, датхэнэ университэра быухар? »
« Дунейм я нэхъ ин дыдэуэ щыт университэращ сыщеджар.»
«Дарулфунунра?(Уэсмэн къэралыгъуэм и нэхъыщхьэ универстэр )»
«Хьэуэ..»
«Iел Iезхьэрра? (Мысырым и нэхъыщхьэ университэр) »
«Хьэуэ зиузхьэн..»
«НытIэ датхэнэра?»
«Си адэм и университэращ сыухар!»
Пащтыхьыр, Рэшид къыдэгущыIэ къы фIэщIащ.Абдежым , Пащтыхьымрэ Рэшидрэ зыкъомрэ зэдэуэршэращ.Рэшид, пащтыхьым убгъуауэ икIыи тегъэпсыхьауэ адыгэ хабзэхэмрэ адыгэ хьэщIэщымрэ я гугъу хуищIащ.ХьэщIэщхэр адыгэхэмкIэ сапIэуэ икIыи ущияапIэуэ университэм хуэдэуэ зэрыщытыр гупсэхуу гуригъэIуащ.
Пащтыхьым зэхихахэр апхуэдизкIэ игу ирихьат икIыи игъэщIэгъуати, ар хуигъэфащэри ,Рэшид Ерзурум къалэ унэфэщIу игъэкIуэн зэримурадыр жыриIа щхьэкIэ Рэшид ап идакъым,
«Зиузхьэн, сэ къалэм и Iэтащхьэ сыпщIмэ,Сивас хуэпщIа унафэ иугъуэджэхэм хуэдэхэр Ерзуруми хуэпщIынщ, ар сэ сгъэзащIэмэ сэ си пщIэр сымгъэзащIэмэ уэ уипщIэр къехуэхынщи ари тIумкIэй хъункъым, абы щхьэкIэ къысхуэгъэгъу!..» жери Узуняйлэ игъэзэжащ.
ЗэрыжаIамкIэ, пащтыхьым Мэрзей Рэшид хуригъэхьауэ щыта, Истамбул зэреджа тхыгъэр ,нобэи Мэрзейхэ я унагъуэ илъщ.
Тэгъулан Екъуб
Хэхэс гъащIэм шышщ
Diyaspora yaşamından
