Karakter boyutu : 12 Punto 14 Punto 16 Punto 18 Punto
ХЬЭТОХЪЩОКЪУЭХЭ Я ЗЫ ХЪЫБАР
28 Aralık 2011 Çarşamba Saat 01:42

Хьэтохъщокъуэхэ   щ|еин  хъущ  аби, зы  щ|алэ ц|ык|урэ  зы
хъыджэбз  ц|ык|урэ  къащ|энат.Апхуэду  щыхъум, ц|ык|уит|ым
Аслэныпщк|э еджэуэ  зы   анэш  я|ати  я  анэшым  ишэжащ.Аслэныпщым  и
пхъурылъху  зэдэлъху-зэшыпхъу ц|ык|уит|ыр ишэжа  нэужь, щ|алэ ц|ык|ур
хьэщ|эщым  хъыджэбзри унэм  щ|иубыдэри  илъэс  пщык|упл|-пщык|утху
хъухк|э зэримгъэлъагъу щип|ащ.Апщ|эндэхуи  щ|алэмрэ хъыджэбзымрэ
зэик|  зэтыригъаплъакъым.

А  лъэхъанэм,Аслэныпщыр щытепщэ а  хэгъуэгум  Жансэтк|э  еджэуэ
зы хъыджэбз  гуэрэ, и  щылъхуэ  хъыджэбзри  дэщ|ыгъуу щыпсоут.Жансэт
щыпсоур, лъагэуэ, лъэныкъуэ псомк|э  къэгъабыдыхьауэ  зы  къалэжь
быдап|эт.А зэманым  къалмыкъыпщри  лъэщт, бзаджэт, дзэшхуэи
и|ат.Дзэшхуэ  зэри|ам къыгушхуэк|ырти Аслэныпщым и деж л|ык|уэ
къыхуищ|т| , " Жансэт  и  щылъхуэ  джыджэбзыр къызэт" жи|аурэ.Мобыи,
пэлъэшыну  |эмал и|этэкъым, зы дзэ упэлъэщынт!|эмалыншагъам къыхэк|ыу,
адэк|э-мыдэк|э хъыджэбз зэригъагъуэтырти "Мыращ Жансэт и щылъхуэ
хъыджэбзыр" жи|аурэ иритырт,бэлыхьыр зэк|э  зыщхьэщыгъак|ыну.Ауэ и
хэгъуэгу  к|уэжа  нэужь, къа|ыриха хъуджэбзыр зэрымыарар къыщ|эк|ыурэ,
аргуэру  къигъазэжрэ нэгъуэщ| зы хъыджэбз иратыурэ  зыкъомрэ
апхуэдэурэ ек|уэк|ащ.Арщхьэк| иужьым , къалмыкъырщыр  ф|эк|ып|э
имы|ауэ къак|уэри  къащхьэщыуващ  зауэ  къарищ|ыл|эну.

Аслэныпщым  иджыри  къэсыхук|э лъэпкъыр  бэлыхь  химыдзэныр
хузэф|эк|ат ауэ  хэгъуэгур иджы дзэм  къаувыхьат.Аслэныпщымрэ  и фыз
гуа


щэмрэ  ящ|эн  ямыщ|эж хъуат.Хьэтохъщокъуэ щ|алэ  ц|ык|ур,  зыри  утыку
щимытым къэхъуар  зэригъэщ|эну  хьэщ|эщым  къыщ|эк|ыу унэм
къыщык|уэм, зэл|-зэф|ызыр нэщхъейуэ  кърагъэтэт|эхыу ,
кърагъэпэзэзэхыу  щысу къахозэ,

" Сл|о къэхъуар?"

" ХЪуар  аращи,къалмыкъыпщыр  зы  илъэс  лъандэрэ  Жансэт  и
щылъхуэ  хъыджэбзыр  жери къок|уэ  мэк|уэжри  си яужь  итщ,
къэзгъапц|эурэ хъыджэбз  куэд  естащ ,ауэ  аурэ  хъыджэбз
быгъуэтыжын, Жансэт щыпсоу къалэжьри апхуэдизу  быдап|эщи  уезагъынууэ
 къаткъым, сэри л|ыжь  сыхъуащ, си  к|уэдыжыгъуэр  къэса
къыщ|эк|ынщ!" 

"Шы  уи|э?"  

"Си|эщ"     

Хьэтохъщокъуэр шым  шесщ,  "Ныт|э  сэ  абы зэ  сыплъэнщ"
жери  къалмыкъыпщым  и  т|ысып|эм и деж  мак|уэ.Яхохьэри  сэлам ярех,  

"Фи  пщыр  дэнэ щэ|э?" же|э.    

"Мис  моуэ  ищхьэк|э  тесщ"

Хьэтохъщокъуэр  жьыхуа|амк|э  щык|уэм, жыгым
епхауэ  зы  пщ|эгъуалэ  елъагъу.Зы пщ|эгъуалэти нэр  пы|эпихыуэ зы
пщ|эгъуалэт!  .Шыр жыгым  епхати  пхъапсыр  зэраупсым  хуэдэуэ  жыгыр
иупсырт."Пи  атагъынэрэ  мыр сишащэрэт" жери блэк|ри  къалмыкъыпщыр
зыщ|эс жьэуап|эм нэсащ.

 Хьэтохъущокъуэм," Сл|о  фынемьыблагъэуэ  жыжьэуэ
ф|ыщ|этысар" жери  щыщ|эупщ|эм,

 "Хьэуэ, моуэ  л|ык|уэ  сгъэк|уащи, ар  къэк|ужмэ  жи|эм
сеплъынурэ  си  дзэр  тезгъэуэнущ!"

 "Л|о  щытебгъэуэнур?"

 "Аслэныпщым  апхуэдиз  илъэс  хъуащи,Жансэт  и  щылъхуэ
хъыджэбзыр  къызитыну жи|эурэ сызрешэ, иджы ф|эк|ып|э   и|экъым"

 "Жансэт  и  щылъхуэ хъыджэбзым  ухуей  уэ?"

"Сызпэплъэр  аращ"
"Шы  уи|э?"

"Симы|эуэ  хъун..!"
       

 "Ныт|э   хъарзынэщ, мо  пщ|эгъуалэ  епхар  къызэптмэ  сэ  а
хъыджэбзыр  къыпхуэсхьынмэ.."     

"Уэстащ"

  "Е|ы..! ди пщым  и  шым  шэсыну  жи|ащ" жари мыдрейхэм  захъунщ|а
щхьэк|э  абык|э  къимыгъанэуэ пщым  и шыр  къритащ.Хьэтохъущокъуэр
шым  шэсри къезэжа  щхьэк|э  Жансэтри  ищ|этэкъым  къалэри
ищ|этэкъым.Щ|эупщ|эурэ  Жансэт  щыпсоу  къалэр  къигъуэтащ.Къалэм
щеплъым  къэу|эбжащ, апхуэдизу лъагэуэ  къэщ|ыхьати..!Къыпик|ухьщ
ныпик|ухьри  къалэр  зэщ|ыл|а  |уащхьэ  лъагэм
къыщхьэщыхьащ.Еплъри,"Сихьэфмэ сызрихьэфынур мыбдежк|эмэ" жери
егупсысащ.Ит|анэ,дахэм  хуэдэуэ  шы  ныбэпхыр  къызэщ|икъузэщ,
лъэгап|эм къытелъадэри  къалэм  къилъащ.Шур  лъэгум
къэсыхунк|э,Жансэти ,Жансэт и  щылъхуэ хъыджэбзми,  лэныстэ  къащтэри
мо шур  къыздехым, шум и  къехык|эри и тесык|эри бзыпхъэуэ  щ|ым
къэмыс щ|ык|э  ябзащ.Иужьым, пщ|эгъуалэм и  лъэкъупл|ри  ф|игъанэри,
мылъэпэрапэуэ  ик|ыи мыджалэуэ къызэф|эуващ.

Жансэт и щылъхуэ  хъыджэбзыр  дыжьын  фалъэ  итхьэщ|ыуэ
щытти, Хьэтохъущокъуэм,        

"Уэ  дахэ, хьэкъ  сщ|амэ  зы  псы фалъэ  сегъафэ" жи|ащ,      

"Жансэт и фалъэмк|э псы даурэ  уезгъэф|эн! Алыхь
уезымгъэфэн" щыжьи|эм, Жансэтым,        

"Ет , абы  хьэкъ  ищ|ащ" жери хуидакъым."

Жансэти  абы  хуэдэ  л|ы  лъыхъуэт, "Сэ сызышэнур мыбы  хуэдэ
зыл|  хъун  хуейщ" жери  егупсысащ.

 Шур, хъыджэбзым  псы фалъэр  къы|ирихри псым  ефащ.Абы хэту,
шыр  къригъалщ ныригъалъщ, занщ|эу Жансэт и щылъхуэ  хъыджэбзыр
къипхъуатэри сэрейм къыщхъэдэлъэхащ.Къихьщ,"Мэ  апхуэдэуэ
уызэщ|эбэгыр" жери къалмыкъыпщым  къритащ,дзэри дек|ри  езэжащ, езыри
и анэш Аслэныпщым  деж  къэк|ужащ.

Къэк|уэжа  щхьэк|э, Аслэныпщымрэ и гуащэрэ,  зэл|-зэфызыр
къэшынащ.Къыщ|эшынари,Аслэныпщым,Хьэтохъщокъуэм и  хъыджэбз шыпхъ
ц|ыку|р  къэлмыкъыпщым  иритати арт.Хьэтохъущокъуэм  ар
иц|ыхуртэкъым."Тхьэу  зи  уафэ, мыр  къиц|ыхумэ, къэлмыкъыпщым
дыкъелами  мыбы  дыкъемылын!" жари  гузавэуэ  тысыжахэщ.Гуащэ фызыжым,

 "Дегъэзэж,матэ пыдгъалъэ, хэгъуэгур   дгъэбгынэ, мыбы
псоууэ дкъелынкъым! " жи|ащ. А зэмыным и унэ е и хэгъуэгу  зыбгынэжам
матэ  пилъэт,зрибгынари абык|э  къапщ|эт, "Уыздыщэ|ам матэ  палъэжа?"
щ|ыжьа|ари  арат.Арщхьэк|э и фызым жи|ар |Аслэныпщым идакъым,

"Ар  хъунукъым,  абы  и  нэхъыф|ыр зы щхьаусыгъуэ дыщ|у
къалмыкъыпщым  и  деж  аргуэру  дгъэк|уэнращ"
      |уэхур  абы  траубыдэ.Хьэтохъщокъуэми, мохэр  унэм
къыщ|эмык|ыу  нэщхъейуэ зэрыщытым  гу  лъитэри,

"Сл|о  апхуэдэуэ  фыщыщытыр, фыщ|энэщхъейр" щыжи|эм  модрейхэми,

"Иджыи    къалмыкъыпщым  и пц|эгъуэплъыр  къытхомышэну
|эмал и|акъым" жьа|а.

"Калмыкъыпщым и пц|эгъуэплъы  сэ  къызитын |эхъу!"

 "Къутьынщ "жьа|ащ, " Уэ  уи хьэтыр  къилъагъунщ.."

"Хъунщ.." жи|эщ еуэщ  ежьэри Къалмыкъыпщыр  зыдэс
къуажэр  къигъуэтащ.Щыщ|эупщ|эм, зек|уэ  к|уати и хьэщ|эщымк|э
епсыхащ.Къалмыкъыпщым и фызым, хьэщ|эр  Аслэныпщым и  къуажэм
зэрыщыщыр щысхихым и нэ  къыхуик|ри зэригъэлъагъуну
къэк|уащ.Ц|ыхубзым  ф|эгъус  кърихри  къеупщ|ащ,

 "Аслэныпщым деж  Хьэтохъущокъуэхэ я  зы  щ|алэ  щы|ауэ
щытащ,сыт  хуэдэ, ц|ыхум  щыщу, ц|ыхум  и гъунэгъу, ц|ыхум  яхэхьэуэ
щыт?Хьэурэ  хэк|уэдэжа?" Ик|ыи  магъ  ик|ик| жье|а.

"Уэ  си  шыпхъу,мыбы  мыпхуэдизу  уыщ|ыщ|эупщ|эр,
мыпхуэдизу  уи  гум  къыщ|ыдитхъыр  сыт?"        

"Ар  сэ  си  дэлъут!."

 "Пэжуи?"

"Пэжу.."     

"Ныт|э  дахэ  уи  дэлъу дыдэр  сэрамэ!"

Гуф|ащэхэри  зызрашэк|ащ.Иужьым ц|ыхубзым  и  дэлъхур  къегъэ|ущ,    

"Мыхэм шу гъуэгум  къык|ыуэ зыгуэр  къак|уэмэ хэк|уапщ|э
 ират,хузхуахусри.Абы  къыщымынэу,шы хъушэ къуатынри  хэлъщ,
пц|эгъуэплъыр  къуамытын  папщ|э.Ауэ  уэ, сэ шы лъэ|уи  вы  лъэ|уи
скъэмык|уа жып|энщи яф|эпкъузынщ,бгъэтк|иинщи, зыгуэр  уэдмытыну |эмал
 имы|а  жьа|эуэ  к|уап|и  жьап|и къуамытыж  хъумэ, ныт|э  зыгуэр
къыщызэвымтыну  |эмал щимы|эк|э  сэ  нэгъуэщ|  сыхуейкъым, си
малъхъэм  и  пц|эгъуэплъыр  къызэфт  жьэ|э"   

"Хъунщ" жери  Хьэтохъщокъуэр хьэщ|эщым
къэк|уэжащ.Къалмыкъыпщри  зек|уэ  къыик|ыжу  къэк|уэж пэтрэ  пежьэхэри
 жр|ащ,"Мыпхуэдэу   мыпхудэу  уи  щыкъу  щ|алэ  къэк|уащ "жьари.Ар
щыжьа|эм  хьэщ|эщым  епсыхри и щыкъум ф|эхъус ирихащ.    

Аурэ  зы  тхьэмахуэ  щэ|ащ, зы  тхьэмахуэ дэк|ри,
Хьэтохъщокъуэм "иджы сезэжынщ"  щыжи|эм,

 " Уымып|ащ|э, нобэ  щыси  пщэдей  уезэжынщ" жари
жылагъуиблым  щы  хэк|уап|щ|э  къыхуахуурэ зы  шы хъушэ
къыхузрагъэпэщащ .Къалмыкъыпщым и щыкъум  куэд къратынтэкъэ ныт|э! 

"Мыр  димащ|эми  куэд зыщыщ|, уэ нэхъыбэ  пхуэфащэтэмэ
арщхьэк|э тхузэф|эк|ыр  мыращ.." жьа|а  щхьэк|э,    

"Тхьэ сэ  вы  лъа|уэи шы лъа|уэи  сыкъамык|уа, сэ
скъыщ|эк|уар, си шыпхъу си щыкъу си |ыхьлы  зэзгъэлъагъуну  арамэ,сэ
мыр  къызэвхьэл|эныр  къемык|у!"

 "Уэлей  |эмал имы|э, дэ мыр  ди хабзэщи  ди хьэтыр
къапкъутэ мыхъуну!"

 "фи хьэтыр  щ|эзкъутэн щымы|э ауэ,зыгъуэр къызэвмыту
щымыхъунук|э, пщым  и пц|эгъуэплъыр  къызэфти хъунщ  ныт|э.."
Ар  къалмыкъыпщым  щыжьра|ам,


"Пц|эгъуэплъыр  схуеймытын  ауэ  абы  и  щылъху  зы
хэк|уапщ|э  естынщ,"

Апхуэдэуэ щыжьи|эм, Хьэтохъущокъуэм," И пщ|эгъулэми, и
хэк|упащ|эми и хъер ирелъагъу" жьиа|щ , зыгъэгусэ  нэпц|  зищ|щ, и
шы-уанэр  зытырелъхьэри  къезэжбащ.
Жылагъуэ  зэхуэсами,

"Тхьэ сыгъэ|а мыр  емык|умэ,зы хэгъуэгу  къик|ауэ  ик|ыи
уи щыкъу  щ|алэуэ, зыш ептми ягъамык|ынт ик|ик|   ар уэ пхэмыфащэ "
щыжьа|ам,

 "Ныт|э  бэлыхьыр  къытырилъхьэ  фык|уэи ефт" жьи|ащ
къалмыкъыпщми шыр  къратри щ|алэри  кърагъэзэжьащ.

 Нэхутхьэху  къыщищ|ым и унэ  къэсыжри, шыр  шы ф|эдзап|эм
ф|идзэри т|эк|у  зыгъэк|урири жеяш.Яужьым,  къэущщ къыщылъэтри
еплъмэ,шыр ф|эдзап|эм  ехъуурэ зыпишхык|ыным  зы джэдуук|эт
къэнар!Абдэжым шыр занщ|эу  къит|ат|эщ  бом  щ|ышэри  |ус иритащ,
Модэк|э, Аслэныпщымрэ  и фызымрэ  пц|эгъуэплъыр  щалъагъум ,"дэ
 мыбы  дыпэмылъэщыну" жьа|эщ я унэр  ябгынэри еуэри
езэжащ.Щ|алэми,"Мыхэр дэнэ  к|уауэ  п|эрэ?" жери  к|уэу щеплъым  матэ
ф|адзэжауэ елъагъу!

 "Мыхэм сэ сл|о мыпхуэдизу  ясщ|ар, сл|о къыздагъуар сэ
мыпхуэдизыр  яхуэсщ|а пэтрэ" жери  мэгубжьри иук|ын и мураду  и
пц|эгъуэплъым  мэшэсри  йожьэ  ауэ,

 "Сыти  ярещ|э, сыт  яхузи|уэху, тхьэр  къеуэ ,сэ  Жансэт
къэсшэнщи сыт|ысыжынмэ" жи|эуэ  йогупсысри, къегъэк|эрахъуэ  къоуэри
къок|уэж.

 Жансэт  щыпсоу  къалэм  мак|уэ.К|уэу  еплъмэ,къалэри
зэтекъутауэ, Жансэти щым|эжьыуэ  ирохьэл|э.

 Щ|оупщ|э,
"Сл|о  мыбы  къыщыхъуар, дэнэ  Жансэт зыдыщэ|ар?"

"Къэхъуаращи,нэгъуэипщыр и  дзэр  щ|ыгъуу  къэк|уэщ Жансэти
ихьри  езэжамэ!"

"Сэ  абы  сык|элъыщ|эхьэнмэ.." Къык|элъопхъэр.Къык|элъык|уэщ
къык|элъыщ|эхьэри фызышэм къыхуэзащ, къе|эм  къридзыхым
тригъэтысхьэжым  къе|эм  къридзыхым  тригъэтысхьэжурэ хьэлъэчыр
къэхуигъэк|уащ.

 "Къэ|э  мыбы  зыгъэрэ  фыпырыуэ" жьа|эурэ  фызышэр зэхэзехуэ
хъуауэ, хъыджэбзым  мыр  къиц|ыхужьащ.Жансэт  а ибза  бзыпхъэр и
|эхъуамбэм дилъхьэщ  шыгум  къришиик|ри  къригъэлъэгъуащ.

 Хьэтохъщокъуэм и шыр  бгъэдихуэри,

 "Уэ зэик|  зомгъэхъей, нэчыхь  щатхым, уэчил-л|ык|уэ-
къыщебгъэщ|ын щыхъум, си  уэчилыр  хьэщ|э  къытхэхьаращ  зэстар жьэ|эи
сэ  къысхуэгъак|уэ" жери   е|ущэщащ.

Аурэ, зыдынэсыным  нэсри  нэчыхь  щатхын щыхъум, хъуджэбзым  къеупщ|ахэщ,

"Хэт  уэчилу  бгъэувыр?"
 " Мис а  къытхэхьа  шуращ"

Ар щыжи|эм,|уэхур  зытетыр  Хьэтохъщокъуэм  жыра|ащ.

"Дэгъуэщ, хъарзынэщ  ауэ  сэ  зыгуэр  фыжес|энщи  ит|анэ..

"Къыжьы|э" щыжьа|эм  пишащ,

"Сэ  а  хъыджэбзыр  къэсшэн  папщ|э дунейм  тет
гугъейхьыр сыщэчыу мы  къалэм  сыдэхьащ, ныт|э  а хъыджэбзыр
зыхуэфащэр  сэра  хьэмэрэ  фи пщыр ара?"

 "Апхуэдизыр  щыдэпшэчак|э  тхьэ  уэрамэ  зыхуэфащэр ауэ
ди пщыми, куэд  лъандэрэ зы щ|ып|э  хэгъуэгу  гуэрэм  хэпабгъэуэ
къыхуэмышэуэ зы хъыджэбз  щы|эщи абык|э укъыдэ|эпыкъуфын?"

 "Ныт|э  алахьым жи|ауэ  щытмэ ар сэ  къы|эрызгъэхьэнмэ"

 Яужьым,шы  т|ощ|т| зыщ|игъури  ежьащ.Гъуэгуанэ  техьэри,
зыдэк|уэм, зы сэхьэтым зы  шу  зы сэхьэтым  зы шу  игъэувурэ шу
т|ощ|ит|ыр гъуэм  тригуэшащ.Езыри  къалэм  нэсри  дэхьащ.Дэхьэс
жыхуа|а хъыджэбзри  къипхъуатэри  игъаува  шум  къритащ.Апхуэдэурэ
зы|эпахыу, яужь къина шухэми къак|элъык|уэхэм япэрыуэурэ нэгъуеипшым
и  къалэм хъыджэбзыр къахуихьащ.Езбыи Жансэт  къышэри тхъэрэ  псоурэ
къэнэжащ.

 Тэгъулан  Екъуб

 Дыгъэгъазэм и 26-м  2011,  Истанбул
Мы |уэры|уатэр , 1978  гъэм  Тыркум Узуняйлэм,
Гъулэк|э зэджэ  л|ыжьым къыжьи|эжьащ


Bu haber toplam 3531 defa okundu.


Bu habere yorum eklenmemiştir. İlk yorumu siz ekleyin.
Sitemizin hiçbir vakıf, dernek vs. ile ilgisi yoktur. Sitede yayınlanan tüm materyallerin her hakkı saklıdır. Sitemizde yayınlanan yazı ve yorumların sorumluluğu tamamen yazarına aittir.
Siteden kaynak gösterilmeden yazı kopyalanamaz.
Copyright © Cherkessia.Net 2009 İletişim: info@cherkessia.net